***

                Бещтокъуэ Хь. деж
СыхъыжьпIыжьу сыздэщысым,
Си Iэ ижьым пулътыр илъу,
Сигъэжейтэкъым къызэджэм,
Тэдж! – къызжиIэрт «ущымылъу».

ЦIыхум мащIэу ужьэхэуэм
Къощтэр ар нэбэнэуэшэм.
Баш игъащIэм зэпытчакъым,
Хэт диваным сыкъизыхур?!

Е дунейм и пIалъэ ещIэ,
Е жыжьаплъэщ сэ си джакIуэр,
Ар апхуэдэу щымытым
«ЩIыстрихыр» сыт си пультыр?

Малъхъэдисым гъущIыр къещтэ,
Сэ сыгъущIщ ар куэдым ящIэ,
Псалъэ Iущу шызэхэсхынум
СыкIуэфынущ сэ щIы гъунэм.

Телевизорым ис щIалэм,
АдкIэ пещэ жиIэ псалъэм.
«Шылэ Iуданэу, щылъэфыгъуэу,
Зыкъызэкъуихрэ зэрылъэфыгъуэу»…

Жьэнахуэу псалъэм удехьэхыр,
Сытэджауэ лIым содаIуэ:
Хьэбас тхьэ ифIэщу щеIуэр,
Зэщхьу тхэу цIыхуитI щымыIэу.

Сэ къыстокIэр зэуэ дамэ,
Си Iэрытхым сроплъэж –
Згъуэткъым зыри «псалъэ хущхъуэ»,
Щэху зызощIри сокIуэтыж…


Рецензии