***

ГъащIэм ерэчым удигьэкIрэ,
Упсэууэ укъелам,
УпIащIэ-тхъыгхъыуэ удэкIрэ,
IэнатIэ уиIэуэ укIуам,
Зыгуэрым и гу укьэкIыу екIэ,
ФIэпшхау и сом уахимыхьам,
Жьэражьэу уи гур къызщIигьаплъэу,
Ипфа фадэбжьэр уэзэгьам,
ЩIэузыу уил фэкъырэ къакIуэм,
УщIэмупщIэжу сом пхуетам,
Фи хьэр жэщ кIыфIым зыгъэбанэм,
Хэт ар ? – жумыIэу упежьам,
Ухэнрэ пэт кьурмэным,
Iыхьэгъу гъуэнэгъухэм узхуащIам,
Зэхэуфауэ нэху къекIауэ,
А махуэр бжъыфIэу пхуэгъэкIуам,
Ядеж умыкIуэу зызэхуэпшэу,
ЩIыхуэ зэптам къыпхуихыжам,
Сытхъу тIэкIу кьищIауэ уи вакъитIыр,
Льэрыжэу занщIэу щIэмыпхъуам,
Уэшхыр ятауэ ину кьешхыу,
Уэ жьауэ кIапэ ***т пхуащIам,
Зэхэсу гуп дыгъэлу уи ныбжьэгъухэр,
Ягу къыпхуэмыгъуэу ураджам,
Газ уасэр пхуету бломыгьэкIыу,
Нобэрей махуэм укъэсам,
УзэфIэсу жэщкIэ умыжейуэ,
ДэкIахэр – унэм къэкIуэжам,
ТIу уимыгьэщIыуэ уи псалъэр,
Узэджа цIыхум узхихам,
НэщI хъуау уи гуэныр гъэ утекIрэ,
ЩIым хэбдза жылэр пхуэбэгьуам,
«Хет» жыригъыIэу армэр щIэкIыу,
ТхъэлъэIу уи щIалэм хуэпщIыжам,
Мыпыджэу нэкIэ упсчэуIум,
Iэдэб-Iущабэ нысэ пщIам,
Зэгъажьэ уэ мафIэгур гьуахьуэу,
Уихуэну сытми уэ «Фэетон»!


Рецензии