***

                С. деж
Уэ, ефIакIуэ си япэ уищу,
УщыIэхукIэщ си дунейр.
Бахъсэныжь уэ пхуэIущlэну,
Къыщиуам – губжьау epyу!

Умыжей угъуэлъу жэщкIэ,
Тхьэм къызитхэр зэгъэлъагъу.
Къэрэгъулу уэ узиIэм,
Куэдым сахуэхъунщ Iыхьэгъу.

Япэ уищрэ уджалэм,
Си жагъуэгьухэм зы хэщIынщ,
Деур уасэр пхуезмытыфымэ,
Сын уи кхъащхьэм пхудэссэнщ!

- ФIыщ адыгэу укъалъхуныр,
«Къыптралъхуэ» зэу жагъуэгъу,
Уигъэшхыну жиIэу и псэр,
ЗыкъыпхуещIыр пэщIэщIэгъу…


Рецензии