ЧастушкIэ

Тхьэм къызитхэм селъэпауэу,
Си щхьэр згъафIэу сыщидэтым,
Сигугъэнтэкъым пщIыхьэпIэу,
Къыдэуэну ер зэу «гуартэм»…
Щытщ иджыри щIыр кIэрахъуэу,
Дыгъэр ичэзум къыкъуокI,
Мазэм хьэр губжьау ебэну,
Щэху зысщIау щхьэгъубжэм сокI?!...
Къапщтэм, зыми зихъуэжакъым,
Бахъсэныжь щIымахуэм токI,
Гъатхэм поплъэ, Iуащьэмахуэ,
Жьэгъухэм еэуэу ин ищIыну.
ЩыIэжатэм Совет властыр,
Дызэгупэуэ дыжейрт,
Къэмыхъуау щытам дефолтыр,
Дыпсэуху зыр — зым дырейт…
Мазэм тIэу улахуэ щатми,
Уэрэ сэрэ дызэфIакъым,
Зыри щамытами,
Лъэгъуныгъэ ди яку дэлъакъым.
Демократхэм я сэбэпкIэ,
***тыныгъэм сыхэнакъым,
Гъэми-щIыми Бахъсэныжьу,
Зы псыбэкъум сырикъункъым.
Къумым иту псы изыкIутым,
Къыпачау урещхьщ си мыгъуэр,
Сэ си лажьэр сыт къыпхуэтым,
Уэ птокIуадэр си хьылымыр?
Жыжьэу къаплъэхэм кзызжаIэ,
Сэ зэчийуэ сыкъалъхуауэ,
Си жагъуэгъухэм уэ уодаIуэ,
Ахэр пфIэфIыу уогъэпсалъэ.
Псы Iубыгъуэм сыт иуасэ,
Щызэпыпчым деж пшахъуэщIыр,
Усхуэхъуакъым уэ щхьэгъусэ,
Куэд уи фIыщIэкIэ къысщощIыр.
Абыщыгъуэми цIыху гъащIэр,
Зы фIэкIакIэ хъуркъым,
Си Iэпэгъуу гъащIэ гъуэгум,
Сыунэхъуну утесшат.
Мылыр пIащIэм куэд ишэчкъым,
ФIыти си фэр Iувт,
АфIэкIау усхуэшэчыжкъым,
Укъыщысхьыми – сынэфт!
Ягъэ кIынкъым къэнэжам,
ФIыкIэ зызэдзэкI,
УемыдаIуэуэ къазбжам,
Дыздэуджу дегъэкIуэкI!


Рецензии