Сакъ

Хъыджэбз къызэжахэм псэу сакъелу щытым,
IункIыбзэ къэбышхуэ си гум фIозгъэдзэнущ.
Уи пщIыхь къыхэмыхуауэ, кIуаращ узмыгьафIэм,
Уэ сыноубзэрабзэурэ – укъыдэсхьэхынущ.

Къэуц щхьэнтэм зыщыбгъафIэу ужеинщ си тIасэ,
ЩIэупщIэ си куэдщ жыпIэу – сыкъыпомыгъэх.
Алейуи сымыжеиуэ жэщкIэ пхуэстхрэ усэ,
Нэху зэрыщу, хамэм сфIызэбгырах?!

Си лэгъунэр нэщIыу гъэ сытомыгъыхьэ,
Си къэшэгъуэ блэкIыу куэдым къызаIузкI,
ЗанщIэуэ зыкъащти лъапэ махуэ къихьэ,
Къызэжауэ хъуар зэуэ скIэрыгьэкI.

Абы фIэкIым пагэ сэ сыхъунущ,
Уэ сыбгъэуджыну лейуэ яужь уитщ,
Зэманыр пщIэншэу умыгъакIуэ,
Сакъ – сыпIщIэкIынущ.


Рецензии