Си Дахэнагъуэ

                Э. деж

SMS-у щыIэр кIуэцIырыхуу,
Зэзакьуэ, – напэлъагъу
Уи деж сынабгъэкIуатэм,
БжесIэну сиIэр дапхуэдизт,
Ириплъэгьуну уи щхьэр лъагэу!
Айова благьэкъым укIуэну,
Ухуеймэ IэплIэкIэ усхьынщ,
Е мывэджей къысхуэхь къызжепIэм,
Ди Бахъсэн псыхъуэр нэщI къэсщIынщ.
ФIы лъагъуныгъэр сатей къищIу,
Ухуеймэ сыти къэгупсыс,
СимыIэ пэт сэ зы фIэкI гъащIэу,
ПхузощI хьэлэлыуэ дурыс!
Си гъащIэм бжьыхьэу укъэкIуащи,
Уи инагъкIэ дыщэкIэ узлэнщ,
ПщIэ ину хэт уэ къыпхуимыщIми,
ДунейкIэ си хьэрэмщ.
Хьэм сомыгъэхьу къыгуэплъэфу,
Си Дахэнагъуэ – сызэхэх!
Плъагъуауэ щытым цIыхур Iэфуу,
Уи пащхьэм къакIуэи гур ***пIэиех.
Iупхау щытатэм уи гъущIыбжэр,
Си нитIым псори къыбжаIэнт,
Нэху щыху къехакъымэ си напIэр,
Уэ фIылъагьуныгьэр уи ауанщ?!...


Рецензии