Си МАМЭ!
К1уащ сабиигъуэр гугъуехьыр уи бэу
сыт,си псэ,гъащ1э уэ къэбгъэщ1ар?
К1уащ уи щ1алэгъуэр нэпсым ухэту
арат ди Тхьэшхуэм пхуигъэфэщар..
Сытк1э ди Тхьэшхуэм игу зэбгъэбгъат?
Щхьэ уи насыпыр п1эщ1игъэк1ат?
Сыт уэ гуф1эгъуэу гъащ1эм уи1ар?
Нэпсрэ гуауэрэщ,мамэ,плъэгъуар..
Ауэ согугъэр зэ п1уэтэжынщ
пшэ ф1ыц1э уфахэр пщхьэщык1ыжынщ
дыгъэ бзийм гуапэу 1э къыбдилъэнщ
насыпым гупэр къыпхуигъэзэнщ..
Уэращ,си мамэ,си гур къыщ1еуэр
зыгуэр къоузымэ сымыжей
гукъеуэу уи1эр сэ пщхьэщысхынут
къарур пэлъэщкъым,си гъащ1эр зей..
Уигъэхъужыну сщ1эмэ,си мамэ,
си гъащ1эр тыхь сэ уэ пхуэсщ1ыфынщ
зы лъы тк1уэпс закъуэ ф1эк1а къысщ1эмынами
уэр папщ1э,мамэ,ари стыфынщ..
Аллыхьым,мамэ,укъысхуихъумэ
уэрыншэу гъащ1эм сэ сыхуэмей
анэр нэм хуэдэщ-жа1э нэхъыжьхэм
сыту пэжы1уэ ар,си дуней!..<4.10.2008г.>
Свидетельство о публикации №110101502696