Ф Ы 1У М Ы ХЬ Э

Ярэби, уэшхыр зэ теуатэм ,
Бахъсэныжьи т1эк1у щ1ичэнт.
Псым лъэмыжыр трихауэ,
Мащ1э щ1ауэ ттелъ хьэзаб.
Арыншами тетщ псы1ущ1и,
Ц1ыхухэр егъэжэкъу,
Джэгуу псым хэс сабий хейхэр,
Гу1эу къохъур щырихьэх.
Дэ ди жылэ абрагъуэм,
Махуэ къэс зыгуэр доджэл,
Псым сабий ихьау щыжа1эк1э,
Къуажэ псор мэгыз…
Бахъсэн ГЭС-р зэраухуэрэ,
Хьэдэ дапщэ ягъея,
Я псэугъуэу, я дахэгъуэу,
Сыту куэдым джэбын хужь кърашэк1а.
ГОЭРЛО-м щыгуф1ык1ахэм,
Сыт хащ1ык1рэ ц1ыху гукъейуэм,
Брум и деж псы1удзэр 1уахым ,
Ер къырок1уэр куэдым ящхьэм.
Псыщхьэм гъуо тетау щытатэм
К1э и1энк1и хъунт хэк1уадэм,
Фыкъыдэк1эрахъуэмэ ди жылэм,
Гъуэнэгъуу фы1умыхьэ Бахъсэныжь
          и 1уфэм.
Нобэм къэск1э согъэщ1агъуэ:
Ди нсыпти дыкъелащ
Еджэн школым щ1эддзэжауэ,
Бахъсэныжь къиуау , ды1уих пэтащ.
Хьэмидбий мыхъуау щытатэм,
Ди хьэдэр ягъейжак1эт,
Дыпсэу дыкъызэрынар Алыхь нэужьым
              аращ зи ф1ыщ1эр ,
Иугъащ1э, дырипсырийм ''...
Бахъсэныжь псхъуэгуащэ хэсу,
Жи1эрейт си анэм,
Дэнэ щищ1энт абы сык1уасэу,
Езыр щыщы1эм деж лэжьап1эм.
Бжьыхьэ х у е г ъ э з э к 1 зэрыхъуу
Лъэмыждакъэм деж псытепхъэщ,
Псым хэсатэм псыхъуэгуащэ,
Кътридзэн х у е й т ар зэ ныджэм?
Сэкъат абы къыдимытами,
Зэгуэр нэщ1эбжьэ тлъагъу пэтащ,
Псым зэдейуэ зыххэддзэну,
Лъэмыжщ1агъыр тенджыз хъуащ.
Ц1ыхухэм хуамы1уэхуу,
Плотинэм псы1удзэр ща1этащ,
Абы къриха ф1ейр хьэхрэ-щ1ыхэу
           псым кърихьэхыуэрэ -
Лъэмыжым деж къэсащ.
Бахъсэныжь апхуэдэу лъэгейуэ,
Нэхъапэхэм тлъэгъуатэкъым,
Абы и толъкъунхэр апхуэдизу
                губжьати,
Иныжьым дипхъуэтэну къэпхъуэу ф1эк1а
                тщ1этэкъым.
Ди ныбжьэгъу хьилэшыр мыхъуатэм,
Уанэ мыгъуэр псоми тетлъхьат,
Псыр ц1ык1у щ1ык1э ар зэпыпырырыск1ати,
Мывэк1э гуп дыгъэлым къытхэуэуэрэ
          дэ зы талай зыт1эжьау арат.
Дэ нэмыщ1 а махуэм псыхъуэм
Нэгъуэщ1хи дэтагъэнщ,
Дызейхэм дыкъамыщ1эу дыда1уати,
Фэбжь къэхъуауэ зэхэтхакъым.
Бахъсэныжь ц1ыху х у е й у къы1ублэм,
Жылэм дэсхэм сыт ялажьэ,
Ди щхьэ псэу дызэры1эщ1эк1ам ар
             ирибамп1эуэрэ,
Уэшх ин къешхау х у и г ъ а з э р и
       сенычыпэу трихащ лъэмыжыр.

Усэ тхыным ехъул1эхэр,
Къемыпсыхыну х у и т щ Пегас,
Къестхыхам зы ц1ыху бэлэрыгъа
       .псым къригъэлым,
Ауэ исфакъым бахъсэныпс.
*Хьэмидбий- Щомахуэ Хь ., школыр къэдмыухауэ ансамбль «Кабардинкэм» къэфак1уэу ящтащ.


Рецензии
И главное как понятно как красиво перевод обязательно для тех кто не знает этого древнего языка

Тауберт Ортабаев   08.07.2023 11:42     Заявить о нарушении