***

     1
Лъэпо-щхьэпо къэхьуа нэужь,
Зилъ зыщIэжыфым лIыгъэ иIэщ,
Ихъумэж фIэщIу и хэкужь,
Хейилъ химыкъуэм – акъылыфIэщ…
     2
Зы къэухь гуэр зимыIэ цIыху,
Ди щIыпIэм ису къыщIэкIынкъым,
ЗгъэщIагъуэу куэдым дыгъужь къалъху,
Зы Iэдэбагъ яхэлъкъым?
     3
СцIыху зыгуэр слъагъун сигугъэу,
Проспектым сыщопэкIу.
ЖыпIэнщ мыдэ ситу губгъуэ,
Си ныбжьым сымылъагъу цIыху къекIу.
     4
Зы гуращэ гуэр уимыIэу,
Тебдзэу джэгу укIуэн,
Псэм и щIасэр абы щыIэу,
Дауэ угьуэльу ужеин.
     5
Уасэ иIэу тщэфам къамэр,
Сом гуэр сэри къысхуищIынут,
Зейр темыкIыуэрэ жиIам, -
Спшынащ, дэлэлым сакъылэтыр*.

*Сакъылэт – задаток.


Рецензии