Мэкъум

Сэлам узохыр Хьэрэкхъуэрэ,
Нэху дауэ укъекIа,
Адакъэр япэу щыIиуэм,
Дыгъэр къэплъэгъуа?
Фэндыкъуэ деж пшэ Iув темылъым,
Аузым, х у и т у ар къыдопсэ.
Ди жылэм цIыхуу дэсым
Къариту дэрэжэгъуэ.
ЗомыIэжьэу, сыкъэгъэгъуази,
Тхьэмахуэ махуэр тезгъэухуэ,
Гууз-щхьэуз симыIэщIыкIэ,
«Шагъдийр» алщокъуэ кIэрызгъахуэ.
Къуэ куум аргъынэу къина мэкъур,
Уэшх хэшхэмэ кIуэдынущ,
Ар нобэ уэфIыу Iэтэ сщIымэ,
Дыгъэду къэсшэжынущ.
Гъэ кIуам Iэтэшхуэ сфIадыгъуам,
Мы гъэми сырикъунут,
Хьэлэл хузощIыр изычам,
Тхьэм псапэ х у и щ I – си адэм!
БещтомкIэ зэуэ жьы къыкъуихуу
ЗэIимыгъыхьэм махуэр,
Iэмбатэ къадзыр икум къихуэу,
Мэкъу зытеслъхьэну сожьэр.
Махуэр бзыгъэуэ екIуэкIым,
Тхьэм тхьэлъэIу хуэсщIынущ,
Хьэлъэу шхи къэфщтэнукъым
ФынехъулIэм – фызгъэтхъэнулу!


Рецензии