Тхьэгьэгурым

IупщIакIэ жанужьурэ гъащIэ маисэм,
Дапхуэдиз дыркъуэ къыстрищIа,
Шэмэдж гъущIыфIу сэ къыслъихьам,
Си япэ дапщэ Iуигъэджэла?
Тхъэгъэгурыму сыщыштатэм,
Сыпигьэщхъауэ бгы задэм сехт,
БлэкI джэмыдэжьым банэщ жимыIэу,
СигъэныщкIунри хэлът.
КъуейщIейщ мэкъупIэри,
ГъащIэм зешыIэ,
Iузгуэнущ – ещIэр, шэмэдж йуIуар,
Арыхэу, – ауэ зэманыр макIуэ,
Гугьэ къызетыр, дыгьэ тIысам…
Ажалыр сабырырэ нэхулъэфI сыкъекIым,
Иджыри зы махуэ сыкъэпсэунщ,
ЗекIуэ и вакъэр мылажьэр пэжым,
ЩIы хъурейуэ кIэрахъуэм сыдэхьэмкIэнщ.
Сэ сощIэр гьэмахуэм зэкIэ зэриIэнур,
ЗыкIи абы сыримпIейтей,
КIыхъыуэ бжьыхьэр ныбжькIэ есхъэкIым,
ЖезгъэIэн сигугъэщ, сэ иджыри уей-уей…
                1.12.2013


Рецензии