Сыхъуакъым олигарх

ЗгъэзэщIащ Хьэтэт уи лъэIур,
Сэ сыхъуакъым олигарх,
КдысфIамыщтэмэ щхьэрывэ*,
Псалъэу жысIэр ягъэбзэхт?!
ИзгьэкIау кхъузанэ щабэм,
Ежау псалъэ зэбгыраххэр,
Тегъэуарэ пэт зэрыбу**,
КъащIэр цIыхухэм зи IэщIагъэр!
Сэ си псалъэ бэм ипхъуатэм,
Зыми фо щысхуауэ хэткъым,
Къагъэнам щIэину нартхэм,
ПщIэ хуэсщIмыхъум сыриджэгукъым.
Сэ сы псэу щIамыпхэм си жьэр,
IуэрыIуатэу куэд жысIэнущ,
Си пщIантIэпскIэ къэзлэжьар,
IэфIу сэ езым сшхыжынущ.
Сэ си адэ Мухьэмэд,
Нэхъ цIыху Iущ дунейм тетактым,
Сыту къисхрэ псалъэ куэд,
Къигъэна "псалъалъэм".
Ахъшэ тIэкIу фIэкI имыIыгъми,
Ар щытакъым хъуу плъыржьэр***,
Фадэр дапхуэдизу мыфIми,
МащIэут зэрыхуихьыр и жьэм.
Ещхь си адэм сыхъужау,
Къохъур жэщкIэ сыщепщIыхь,
ЖейкIэ фIыуэ сырикъуау,
Сыкъуоушри - мохь?!
Коммунистхэр ***ту щефэм,
Мэдэ хуэмыхуащ,
ХьэгъуэлIыгъуэм къыщыфами,
Iейу мычэфыуэ хитIащ.
Ар жысIэж щыхъунум,
Нобэ сынэсащ,
СигъэкIуакъым зэи тыкуэным,
ЩхьэщIыж жыхуаIэм хуэхеящ...
Си адэшхуэр кадетати,
"Сонэм" къэхъурт щыхуэшхыдэ,
Генералиссимусым а зэманым,
Ирагъэхуат и хьэдэр.
Папэшхуэ сытыуи бзэ быдэт,
Зэи жиIакъым кадетау,
Ауэ сытми ар дадэт,
Фоч схуигъауэрт хъуэхъу жысIам.
Зэи школыбжэ Iузмыхар,
СызыIэпишэу псалъэрт,
Абы жиIэу зэхэсхахэр,
Ноби къысхуощхьэпэр.
ЦIыху къузау щытам папэшхуэ,
Олигарх сыхъунри хэлът,
Сымыхъуну зэи ЦIыхушхуэ,
Уанэ мыгъуэр теслъхьау aрт.
ТхьэмэдэфI уиIащ си анэм,
Ар уэ бгъэгъуащакъым,
ЧэнддэщыфIри и чэзум
УмыщIэу къызэптакъым!

*Щхьэрывэ - болтун.
**Зэрыбу – печатно.
***Плъыржьэр – горячка.


Рецензии