Жыжьэ соплъэ

Тенатэмэ мыкIуэфу,
«Мэ»! - жысIэу си Iэр хуэзмышийу,
ДэIэпыкъунухэр Iузгъэщту,
Зэманыр ткIийу схъумэнт!
Абы къызипэсам,
Лъы щIэжу сыт есщIэнур,
Сытетщ зэлъау дунейм,
Къысщхьэщихыжкъым нур.
Шу гъусэу сыкъищтэну,
Си гъащIэм селъэIуакъым,
Хэмытым сщIэркъым сыщIитIэну,
Си пщампIэр Iэрыхьау сиутIыпщкъым?
МыупщIэрэ-мыусэу,
Ар къызэдыркъамэ,
КъырокIуэр си щхьэм уэсу
Сызэплъыжам - сыдыкъыу.
Iэдакъэ жьауэ сщIауэ,
Сэ нобэ жыжьэ сопльэ,
Нэгу зыужьу згъэкIуа гъащIэм,
ФIыт къысхупищамэ?!
А си дэджэгуэгъур,
Iэрыхуэу схуэубыдатэм,
КъыхуэмыщIэуэ есщIар,
Щэ лъахьэ зэу ислъхьэнут.
Сызэрыхуейуэ мы дунейм,
Иджыри гу щысхуакъым,
Лейу натIэрыIуапIэ,
СыкеремыщI - Зэманым!
                15.03.2013 г.


Рецензии