Ди пщ1ант1эр Тхьэм ищ1 угъурлы!

Мадина Гошокова-Джумаева
Сщырещ1э апхуэдэ ныбжьэгъу,
Хъужынумэ ар си дауэгъу.
Зыщыспы1уидзк1э гузэвэгъуэм,
Бий пэжри губзыгъэщ апщыгъуэм.

Сщырещ1э апхуэдэ 1ыхьлы,
Мылъкуфыгъуэр зи щэн-"угъурлы".
Сщ1ит1эну, 1этауэ и дамэр,
Си щ1ыбк1э къихамэ и къамэр.

Сщырещ1э! Сыхуейкъым гъунэгъу,
Лъэгущ1эту сищ1ыжмэ убзэгъу.
Ди бжыхь дремылъ ныкъуэкъуэгъу.
Гъуэншэджщ! Акъылэгъущ! Чэнджэщэгъущ!

Ди пщ1ант1эр Тхьэм ищ1 угъурлы,
Гуф1эгъуэм дэз хъууэ 1ыхьлыр!
Гузэвэгъуэм ди куэду гъунэгъу,
Пэжыгъэр зыхэлъу ныбжьэгъу!

Уи мылъкуи, уи щ1ыхьи уэсэпсщ!
Гуапагъэр - благъэжь и псынэпсщ!
Сабырым и лъащ1эм щ1элъщ дыщэ.
Ажалым гуф1ак1эр и гущэщ.


30.11.2022гъ

@Гъуэщокъуэ Мадина