Хьэбэз лъахэм и уэрэд

Мадина Гошокова-Джумаева
Уи щ1эблэм имыщ1э къик1уэт,
Шыщхьэмыгъазэу зэкъуэтщ,
Си Хьэбэз лъахэ, чэщанэр зи нартыжь Хэку!

Пхъэц1ыч - 1эгуауэ жьгъру, 
Къамыл пшынэбзэм йожьу,
Уи хьэгъуэл1ыгъуэхэр вагъуэ пщык1ут1ым я1эт!

Лъэпщ хабзэу гъущ1ыр къагъэш,
Шыгъажэм щ1эблэщ1эр хуозэш,
Си Хьэбэз лъахэ, гуэпагъэр уэру пхэлъщ.

Инжыдж 1убыгъуэр - 1эф1ыпсщ,
Хущхъуэу псы - зэнзэныпсщ.
Нартыжь щ1ыналъэм и лъахэ! Дыщэ лэрыпс!

Лэжьыгъэр зыхуэбэгъуэн,
Дэхагък1и къэбзагък1и тек1уэн,
Си Хьэбэз къуажэ! Зиф1 ягъэлъэп1эн!

Зи хабзэ зыхъумэжа,
Зи лъэпкъым емыпц1ыжа,
Удж пыхук1э чэщанэр вагъуэ зэшиблым къафыхь!

Уей, Адииху сыдок1 –
1эдакъэжьауэ сощ1,
Си Хьэбэз лъахэ, хышхуэу уи куэщ1 соплъыхь.

Шыхулъагъуэр къырыщхьэм щошэс,
Мэкъамэр уафэгум лъо1эс,
Мазэщ1э псэкъабзэу Нарт хьэблэ! Уей, ди Шэрджэс!

Хышхуэм и жызум ц1ык1у,
Мэхъсымэр зи жьант1эу Нарт щ1ыгу!
Си лъахэу ди Къэсей Хьэблэ, ди дыгъэ нэк1у!
   
Дэхагъэ пшыналъэ уэтыку!
Адыгэшхыныгъуэм и щ1ыгу!
Насып вагъуэбэу куэдрэ утхуигъэпсэу!
               

12.06.2022гъ