***

Амина Тхостова
(30 декабря)
Мы усэр сэ уэ пхуэзусащ.
Уи гъусэу гъащ1эр есхьэк1ыну
Мураду си гум сэ илъащ;
Ауэ сэ ар т1э слъэмык1ыну.

Гъатхэпэм уи нэм сыщ1эплъам
Си гъащ1эр хъунут сэ нэхъ нэху.
Уэ сигум илъыр къыбгуры1уам
Сэ бжес1ыжынут уэ си щэху.

Мы усэм сэ къыщызо1уатэ
Уэ лъагъуныгъэ сэ пхуэсщ1ар.
Си гъащ1эр хуэмурэ мэк1уатэ
Бжезмы1эу ф1ыуэ узэрыслъэгъуар.

Си щэхур си псэм сэ егъэвыр,
Слъэмык1ыу ар сигум ешэч.
Апхуэдэ 1уохум хуэму сещ1ыр,
Сэ къысхещ1ык1ыр ц1ыху бэшэч.

Сэ уи лъэужьыр слъэк1ам схьынут,
Сэ уиужь ситу сынэк1уэнт.
Сэ сигум зэик1 уизмыхыну,
Сэ сигум зэ уэ уизгъэплъэнт.

Уэ пщ1арэ маф1эм сызэрисыр,
Щыгъушыпсып1эм сызэрилъыр?
Пщ1эуэ п1эрэ ар зи1ысыр,
Си бгъэм сигур къызэрилъыр?

Мы усэр сигум къызотхык1ыр,
Ауэ си нэпсыр схуэмы1ыгъ.
Уи нит1ыр вагъуэу къысхоплъык1ыр,
Уэрэншэу сэ си гъащ1эр мыхъу.

Мы усэм сэ уэ щыбжызо1э
1эф1ыгъуэу си бзэм пхуиусар.
Ауэ си узыр сэ къысщ1о1э,
А уэ нит1ым къыстрилъхьар.

Уи нэк1ур нэгум схущ1эмык1ыу,
Слъэмык1ыу жэщыр изохьэк1.
Лъагъуныгъэр спкъырымык1ыу
Уэ сигум уилъу укъызохьэк1...