***

Мухаммад Котепахов
А Зы Аллыхьым ф1ыщ1э худощ1ыр,
Зыми хуэмыдэу Щы1эщ Ар, Псэущ
Уи Х уитыныгъэщ къэхъукъащ1э псори, хэлъкъым абыи ауэ зы шэч
;;;;;;;;
Уа ди Аллыхьыу Псори Зыщ1э
Ф1ыгъуэу Уэ уи1эм дэ дыхомын
Бегъымбар лъап1эм дэ дыригъусэу
Жэнэтк1э ди псэр Уэ бгъэгуф1эн
;;;;;;;;;
Ди нэм илъагъум девгъэгупсыси
Псори Зылъагъум ф1ыщ1э хуэдвгъэщ1
Ди гъащ1э гъуэгум дэ дривгъаплъи
Щыуагъэу хэтыр 1удвгъэгъэк1уэт
;;;;;;;;;
Дэ дощ1э Аллыхьым щ1ып1э имы1э
Къулейсызагъи хэмылъ Абы
Лъэныкъуэу щы1эм Ар хуэмыныкъуэ
Хуэныкъуэ зи1эр ар мы Аллыхь
;;;;;;;;;
Уэ укъалъхуакъым зыри къэплъхуакъым
Щ1эдзап1и Ухып1и Уимы1э Уэ
Уэ къэбгъэщ1ахэм зым Ухуэмыдэ
Зэй Мык1уэдыну Уа ди Аллыхь
;;;;;;;;;
Щы1эу хъуари Уэ Зэхыбох
Уэ Уи Псалъэк1эр зыми емыщхь
Уэ къэбгъэщ1ахэм зым Ухуэмыдэ
Зыхузэф1эк1ыр псори Уэ зырщ
;;;;;;;;;
Мы дуней нэпц1ыр 1эщ1ыб дывгъэщ1и
Ахърэт махуэр зэхэдвгъэщ1ык1
Шэч лъэпкъ хэмылъу жэуап тхьыжынущ
Ар нахуэу хьэкъщи, зэпэдвгъэшэч
               ;;;